Решаем вместе
Знаете, какая помощь от государства необходима, чтобы реализовать свой потенциал на максимум?
Телефоны приемной:
» » » БакIуу Хъанджэрый: Адыгабзэм теухуагъэ гупсысэхэр (Размышления об адыгских языках)

БакIуу Хъанджэрый: Адыгабзэм теухуагъэ гупсысэхэр (Размышления об адыгских языках)

05 март 2018, Понедельник
2 599
0

Хэти зэрищIэщи, акъылым и лъабжьэр бзэрщ. Абы ди гъащIэм щиIэ мыхьэнэр къэIуэтэгъуейщ. Петр Езанэм Урысей ЩIэныгъэ академиер къыщызэIуихым итха указым япэу зи цIэ къриIуар бзэрщ. Ар джынми, егъэджынми, тхылъхэр къыдэгъэкIынми, ахэр нэгъуэщIыбзэкIэ зэдзэкIынми гулъытэ хэха щыхуищIащ а унафэм. Щалъхуа хэкум къина адыгэхэми хамэ къэрал щыпсэухэми нобэ нэхъ зыхащIэ хъуащ анэдэлъхубзэр зэраIэщIэкIыр. Абы иригузавэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ. Адыгэбзэр зэрыхуа щытыкIэм зэпымыууэ топсэлъыхь газетхэр, радиор, телевиденэр, парламентхэм, школхэм, университетхэм абы теухуа псалъэмакъ щIэх-щIэхыурэ къыщаIэт. Утыкум къихьащ я IэщIагъэкIэ адыгэбзэм, литературэм пэжыжьэхэри. Абыхэми я жагъуэ тщIыну дыхуейкъым, фIы ягу илъщ, лъэпкъым и Iуэхум ирогузавэри, ауэ зыщыгъэгъупщэн хуейкъым хамэ псалъэжь: «Жыхьэнмэм узышэ гъуэгур мурадыфIкIэ сеящ» жыхуиIэр. Абы къикIыр фIы пщIэ уигугъэурэ зэран узэрыхъуфынурщ. Адыгэбзэм пыщIа Iуэхухэмрэ абы хэлъ лъэпощхьэпохэмрэ я унафэ зыщIыфынур уэрамым щытепсэлъыхьхэрауэ къыщIэкIынкъым, атIэ къэрал къулыкъущIэхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэщ. ЧэнджэщакIуэхэр куэдыIуэ мэхъу.
Илъэс щитI ипэкIэ псэуа си адэшхуэ БакIуу Алий (абы и цIэр зэрехьэ Хьэгъундыкъуей къуажэм и ижьырабгъумкIэ узыIуплъэ «БакIуулий» мэзым) и бынхэм яжриIауэ яIуэтэж: «Зыми фи чэнджэщ евмыхьэлIэ, Iейуэ къывэмылъэIуауэ». А псалъэхэм сэ мызэ-мытIэу себэкъуэну къысхуихуащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нобэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ щытыкIэ гугъум ихуащи. Сэ езыр адыгэбзэм сыхуеджащ, илъэс куэдкIэ ар щезгъэджащ щIэныгъэ ищхьэ щрагъэгъуэт еджапIэм. Университетым нэхъыбэу лекцэ сакъызыхуеджар урыс литературэм, абы и теорием, хамэ къэрал литературэхэм ятеухуауэ IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтхэращ. Абыхэм гугъу садехьащ, ауэ псом нэхърэ нэхъ сызэлIэлIар адыгэбзэр егъэджыныращ. Абы и щхьэусыгъуэр куэд мэхъу: адыгэбзэр зэраджа, къызэрахута, ар зэрегъэджын хуей лэжьыгъэхэр нэхъыбэу зэрытхар урысыбзэщ, абыхэм я нэхъыбэм зыкIи зэтемыхуэ урысыбзэмрэ адыгэбзэмрэ я принципхэр щызэхагъэзэрыхьащ (псом хуэмыдэу синтаксисым), терминологием и нэхъыбапIэри, «точкэм» деж къыщыщIэдзауэ «приложенэ», «определенэ» жыхуиIэм щыщIитIыкIыжу къызэрагъэщIар хамэбзэщ. Пэжщ, термин псори адыгэ псалъэ пхуэщIынукъым, ауэ адыгэ тхыбзэр яухуэу ар джын щыщIадзам абы елэжьахэм зыкъомкIэ я ягъэщ терминологием адыгэбзэ мащIэ фIэкIа зэрыхэмыхьар. Бзэм щIэуэ термин къыщыхыхьэкIэ ар зыфIэмыкъабылхэр къахэкIынущ. Къапщтэмэ, Карамзин «промышленность» псалъэр япэу къыщигъэсэбэпам щыдыхьэшхащ. Нобэ абы и къуэпсхэр урысыбзэм щиукъуэдиящ. Егупсысауэ икIи тегушхуауэ къэщтэн хуейщ псалъэщIэхэр, хьэрэм пщIы хъунукъым бзэм хэзэгъа хамэ псалъэхэри.
Бзэм и лэжьэкIэм, и зыужьыкIэм, ар егъэджыным къыдэкIуэ Iуэху зэIумыбзхэм ищIыIужкIэ шынагъуэ нэхъ иныжхэри къыкъуэкIащ иужьрей илъэсхэм. Дунейпсо экономикэмрэ ди псэукIэмрэ кIуэ пэтми тепщэ щохъу «глобализацэ»-р. Мыр нобэ къежьа Iуэхукъым. ЛIэщIыгъуэ зыбжанэ хъуауэ къэралхэр зэпоуэ, зоныкъуэкъу я экономикэр, я Iуэху зехьэкIэр зым ейм нэхърэ адрейм япэ ирагъэщыну. Бзэри, литературэри, культурэ псори экономикэм и жьауэм щIэтщ. Нобэ Америкэм и жыхафэгум къыщоудж ахъшэ зиIэ псори. Дунейм тепщэ щохъу инджылызыбзэри. 1918 гъэм нэсыху «дунейпсо бзэуэ» къалъытэу щытар франджыбзэрт (Париж культурэм, модэм я хьэмтетыгъуэти), ауэ Инджылыз Империем, итIанэ Америкэм я экономикэм я фIыщIэкIэ инджылызыбзэр тепщэ хъууэ щIидзащ. Апхуэдэу я пщIэр нэхъ ин хъуащ испаныбзэм (къэрал 23-м щыпсэу цIыху мелуан 500-м нэс абы иропсалъэ), нэмыцэбзэм, урысыбзэм, китаибзэм, ауэ дунейм тет адрей бзэ минихым нэсым я къэкIуэнур щIагъуэкъым. Нэхъыбэр кIуэдыжынущ. Абыхэм яхэтщ адыгэбзэри.
Сыт Iэмалу диIэр а къытхуэкIуэ Iуэху шынагъуэм дыпэщIэтын папщIэ? Пщэдейрей гъащIэм сыткIэ дыхуэхьэзыр? А Iуэхугъуэхэм ятеухуауэ ди къэралми (Налшык, Грознэм, Назрань, Мейкъуапэ, Теберда, Владикавказ) ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу Тыркуми (Анкара, 2003), Иорданми (Амман, 2008) щекIуэкIа щIэныгъэ конференц зыбжанэм сыкъыщыпсэлъащ, бзэм теухуа комиссэхэми сыхэтащ. Абы къиша гупсысэ гуэрхэр утыкум къислъхьэну сфIэигъуэщ. Акъыл зэхэдзэм сэбэп къишэ хабзэщ. Iуэху еплъыкIэ пэжыр занщIэу уафэм къехуэхыркъым, атIэ ар убзыхуа щыхъур апхуэдэ конференцхэм щIэныгъэлIхэр щызэдауэ-щызэчэнджэщурэщ. IэщIыб щIын хуейкъым бзэм хуемыджахэм жаIэри – адыгэбзэр лъэпкъым и зэхуэдэ мылъкущ. Апхуэдэу щытми, жаIэ псоми Iуэхур тепщIыхьмэ, лъэпкъым сэбэп къыхуихьыну фIэщщIыгъуейщ. Абы и щапхъэу къэтхьынщ  ди алфавитым илъэс Iэджэ хъуауэ иращIылIа псалъэмакъыр. Ар зэм мэужьыхыж, зэми къызэщIэроуэж. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нэхъыбэм къащохъу хьэрф зэгуэтхэр ди бий нэхъыщхьэу, ахэр димыIэжмэ, псори «насыпыфIэ» дыхъуну.
Тхыбзэр цIыхум къигупсыса ди хъугъуэфIыгъуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Ар адыгэм щызригъэгъуэтар гувауэщ, аращ ди тхыдэр нэсу, пэжу джа щIэмыхъуари, къэрал щIэдмыухуэфари. Адыгэхэр куэд дыдэ щIауэ щIэхъуэпсырт тхыбзэ къызэрагъэпэщыну икIи абы хуэхьэзырт, ауэ сыт щыгъуи зэран хъурт кIэ зимыIэж зауэхэр. ЦIыхухэр зэхэзехуэн ящIырт, я псэукIэр, щыпсэу щIыпIэхэр щIэх-щIэхыурэ яхъуэжын хуей хъурт. Аращ ди псэуалъэхэри «тырлыку» (чий) архитектурэм хуэзыгъэкIуари (а зэманым адыгэ ухуакIуэхэм унэ гъуэзэджэхэр щащIырт Египетым, Украинэм, Урысейм). Адыгэхэм тхыбзэ ямыIами, хамэбзэхэр къагъэсэбэпырт. Доминиканым щыщ Юлиан 1340 гъэм адыгэхэм я деж щыIа нэужь итхыжащ: «Князь и народ называют себя христианами, имея греческое писание и греческих священников» (Адыгэ энциклопедие. М., 2006, 687 н.). Иужьрей лъэхъэнэхэм къагъэсэбэпащ тэтэрхэм, хьэрыпхэм, урысхэм я тхыбзэр, адыгэбзэм ейр яухуэу щыщIадзар епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэрщ. Ауэ ар цIыхубэм ящIэ, ядж, иритхэ щыхъуар Совет лъэхъэнэрщ. Псоми зэращIэщи, тхыбзэм къежьапIэ хуэхъур алфавитырщ. Адыгэхэм нэхърэ нэхъ алфавит куэд зэхэзылъхьа щыIэу къыщIэкIынкъым. ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм Грацилевский И. урым зэрыбым (1829 гъэм), Нэгумэ Шорэ хьэрып зэрыбым тету адыгэбзэм и алфавит зэхалъхьауэ щытащ. Урыс графикэм тещIыхьа алфавитым елэжьащ Услар Пётр, Бырсей Умар сымэ. 1891 гъэм Лопатинский Лев зэхилъхьэгъащ «Урыс-Къэбэрдей псалъалъэмрэ», «Къэбэрдей грамматикэмрэ». Хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэми къахэкIащ адыгэ тхыбзэ къызэрагъэпэщыну яужь итахэри. 1909-1910 гъэхэм Тыркум щыпсэуа Пчыхьэлыкъуэ Мухьэмэд алфавиту тIу, хьэрфылъэ я гъусэу, зэхилъхьауэ щытащ.
Езыхэм я алфавит зэхалъхьат Хъан-Джэрий, ПащIэ Бэчмырзэ сыми, нэгъуэщI Iэджэми. Ахэр лъэужьыншэу къэнакъым, ауэ я лэжьыгъэр нэсу цIыхубэм хапщэфакъым тхыдэм и къэгъэшыпIэ быркъуэшыркъуэ гущIэгъуншэхэм я зэранкIэ.
Коммунистхэм, сыт хуэдиз хужамыIами, абыхэм фIыуэ ялэжьар зыщыгъэгъупщэн хуейкъым. Къапщтэмэ, Урысейм лъэпкъыу исым я бзэхэм зрагъэужьри цIыхухэм, инми цIыкIуми, еджэкIэрэ тхэкIэрэ ирагъэщIащ. Адыгэ тхыбзэр япэщIыкIэ траухуащ хьэрыпыбзэм и алфавитым, Iуэхур хьэрыпыбзэ зыщIэ ефэндыхэм тращIыхьри къурIэн еджэ дэтхэнэми сэбэп хуэхъуну къалъытащ. Псори хъарзынэу екIуэкIырт, ауэ 1925 гъэм тхыбзэр зытет хьэрып хьэрфхэм къытрашри латиным хуагъэкIуащ. Абы зыкъомрэ тетри, 1936 гъэм СССР-м ис лъэпкъхэм я тхыбзэр урысхэр зэрытхэ кириллицэм и графикэм трагъэуващ. Зэман кIэщIым ерагъыу зэрагъэпэща адыгэ тхыбзэр щэнейрэ яхъуэжащ. Абы, зэрыгурыIуэгъуэщи, фIы лъэпкъ къишакъым. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэр Адыгей тхакIуэ Iэзэ Еутых Аскэр и романхэм ящыщ зым и персонаж гуэрым мыпхуэдэу гушыIэу жригъэIащ: «Ди къуажэм дэсхэр пщыхьэщхьэкIэ тхэкIэрэ еджэкIэрэ ящIэу гъуэлъыжхэрт, ауэ пщэдджыжькIэ зы хьэрф ямыщIэу къэушыжхэрт».
Иужьрей урыс графикэр, шэч хэмылъу, политикэм епхат, ауэ, дапхуэдэу мыхъуами, кириллицэр адыгэбзэм нэхъ тегъэпсыхьауэ къыщIэкIащ. Кириллицэм иIэ дамыгъэхэр, хьэрфхэр, хьэрып, латин тхэкIэхэм нэхърэ нэхъыбэщ. Апхуэдэу щытми, кириллицэм и хьэрфхэр адыгэ макъэхэм я бжыгъэм хурикъуакъым. Ахэр нэхъ зэпэгъунэгъу зыщIар хьэрф зэгуэтхэрщ. Ари тхъэжу къагъуэтакъым. Алфавит системэм и хьэрыфхэм уикIмэ Iуэху мыщхьэмыпэ Iэджи къыкъуэкIынут ахэр зэрытрадзэ машинкэхэм, иджы компьютерхэм къыщыщIэдзауэ газет, журнал, тхылъ къыдэгъэкIыным я деж щиухыжу. Ди тхыбзэм зиужьын папщIэ абы къарурэ зэфIэкIыу иIэр езыхьэлIа Яковлев Н.Ф. щхьэкIэ Къумахуэ Мухьэдин жиIащ: (Ар зэдмыдзэкIыу зэритха дыдэм хуэдэу къыдохь) «Ныне действующие адыгские алфавитные системы не такие уж примитивные изобретения. Яковлев был признанным в мире высококлассным специалистом по общей и адыгской фонетике. Может показаться парадоксальным, но адыгские системы письма выгодно отличаются своей системностью от архаичных и трудных систем изображения живой речи письменными знаками во многих старописьменных языках, в том числе английском и французском, в которых один звук может передаваться разными буквами».
Псом япэ къыжыIэпхъэщ адыгэ-абхъаз бзэ гупым макъ дэкIуашэу къагъэсэбэпыр егъэлеяуэ зэрыкуэдыр. Ар зэ еплъыгъуэкIэ бзэм и къулеягъэщ, ауэ нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ, лъэпощхьэпо куэд къэзышэ Iуэхущ. Убыхыбзэм фонемэ дэкIуашэу 80 иIэщ, ар дунейм бзэуэ тетым яIэм нэхърэ нэхъыбэщ. Абы куэдкIэ къыкIэрыхуркъым абхъазыбзэмрэ абазэбзэмрэ, бжьэдыгъу диалектым фонемэ дэкIуашэу 65-рэ хэтщ, адыгей литературэбзэри (кIэмыргуей диалектым тетщ) къэбэрдей-шэрджэсыбзэри макъэкIэ пэрытхэм хабжэ. Аращ дамыгъэ мащIэ зиIэ хьэрып графикэри, латиныбзэм и хьэрфхэри адыгэбзэм щIефэгъуэкIыр.
Адыгэхэм ягъэунэхуа алфавитхэм ящыщу ди макъэхэм нэхъ хуэкIуэр кириллицэращ. Абы хузэфIэкIащ дамыгъэ лей хэмыхьэу адыгэ тхыбзэр шэрыуэу игъэлэжьэн. Зы хьэрыф щIэгъэкъуэн закъуэщ лейуэ къигъэсэбэпар, ар «апостроф» жыхуэтIэ дамыгъэрщ. Кириллицэр нэхъ зэрыпэгъунэгъур къалъытэри, абы техьауэ ди къэралым ис адыгэ мин 800-м нэс абы иротхэ илъэс 90-м щIигъуауэ. Ар лъэ быдэкIэ хыхьащ ди гъащIэм. А алфавитыр лъабжьэ зыхуэхъуа адыгэбзэр щадж курыт еджапIэхэм, университетым. Бзэм елэжь щIэныгъэлIхэр, докторхэр, профессорхэр ди куэдщ, университету щым къыщIагъэкI адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэр. АдыгэбзэкIэ театру щы мэлажьэ (Черкесск, Мыекъуапэ, Налшык). ЩыIэщ методикэм елэжь институтуи щы, адыгэ кафедрэхэр, тхылъ тедзапIэхэр, адыгэбзэкIэ къэрал газету щы къыдокI, зиужьащ ди литературэми. А псори IэщIыб пщIыуэ иджы нэгъуэщI алфавит къапщтэмэ, лъэпкъыр зытекIуэдэну гъуэгуанэ тепшэу аращ. Мы Iуэхум теухуа псалъэмакъыр совет зэманым, 90 гъэхэм, къежьауэ щытащ. Ар къызыхэкIар хьэрыф зэгуэт къызэрыдгъэсэбэпырщ. Хэкурыс гуэрхэм 2003 гъэм ирахьэжьа псалъэмакъым дежьууэ хуежьащ Тыркум ис адыгэхэри. Псоми зэращIэщи, Тыркум адыгэ нэхъыбэ щыIэщ, ахэр мелуан зыбжанэ мэхъу, ауэ илъэсищэрэ щэ ныкъуэрэ хъуауэ хуитыныгъэ ямыIэу дэкъузауэ яIыгъа, хамэ хэгъуэгум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм иджыри къэс яIакъым езыхэм я тхыбзэ. Дэри, иджы дыдэ щIэуэ къащта хабзэм – адыгэбзэр школхэм Iэмал имыIэу щегъэджыным и пIэкIэ хуэмейхэр хагъэзыхьыну хуимыту ягъэувам – ди бзэм и пщIэр хуабжьу ириудыхынущ. Ириудыхыу къигъэнэжтэмэ ди насыпт – хигъэкIуэдэжыпэнущ! Иужьрей илъэсхэм Тыркур Европэм гъунэгъу зыхуищIу абы и структурэхэм хыхьэну хэтщ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм наIуэ ищIащ Европэмрэ Тыркумрэ лъэпкъ политикэм, демократием, хуитыныгъэм зэреплъыр зэрызэтемыхуэр. Тырку къэралыгъуэжьым и унафэщIхэм адыгэхэм «хуитыныгъэ Iыхьэ» тIэкIу къратыну мурад ящIащ, телевиденэм зэман тIэкIу щыхухахащ, бзэм и Iуэхури утыку кърахьащи, щIамылъэфыжыну Тхьэм къыщIигъэкI.
Адыгэхэм я бзэм и къэкIуэнум теухуауэ 2003 гъэм Анкара щIэныгъэ конференц ин щрагъэкIуэкIати, абы къыщаIэтауэ щытащ тхыбзэм и Iуэхури. Урысейм щыщу абы дагъэкIуат: Благъуэжь Зулкъарин (Адыгей республикэ), БищIо Борис (Къэбэрдей-Балъкъэр), сэ Къэрэшей-Шэрджэсым срилIыкIуэу. Апхуэдэу абы хэтащ Сирием, Иорданием, Голландием къикIа еджагъэшхуэхэри. Тыркум ис адыгэхэр къэуващ латин графикэм фIэкIа нэгъуэщIым я тхыбзэм трамыгъэувэну. Мыр Тыркум щыпсэу адыгэхэм я закъуэ ятепщIыхьмэ, хъунущ. Хьэрып къэралхэм исхэм – хьэрып графикэм, Урысейм исхэм – кириллицэм. Къэрал куэдым щикъухьа адыгэ псоми ятепщIыхьмэ, ахэр зы бзэкIэ псалъэу икIи тхэуэ къызэбгъэпэщыну уи мурадмэ, сэ сызэреплъымкIэ, алфавитыр кириллицэм къытенэн хуейщ. Си гъусахэми, Сириемрэ Иорданиемрэ къикIахэми ар къыздаIыгъащ.
Тыркум и лIыкIуэхэмрэ дэрэ махуищкIэ дызэдэуащ, ахэр латиницэм, дэ  кириллицэм дрателъхьэу. Ди ныкъуэкъуэгъухэм я Iуэхур политикэм епхауэ зэрыщытыр наIуэт, абыхэм я нэхъыбэм адыгэбзэ ящIэми, щIэныгъэлI яхэттэкъым, я лэжьыгъэкIэ бзэ Iуэхуми пэжыжьэт.
Хамэ къэралхэм щыпсэухэм къафIэIуэхутэкъым илъэс 90-кIэ зэдгъэпэща литературэр, лъэпкъ театрым игъэува спектаклхэр, бзэр зэрадж методикэр, нэгъуэщI Iуэхугъуэ Iэджи зэрытфIэкIуэдынур. «ЩоджэнцIыкIу Алий и усэхэр, поэмэхэр зэрывджынур сыт хуэдэ тхыбзэ?» – жысIэри захуэзгъэзати, жэуап тэмэм къасхупыхакъым. Иджыри къэс адыгэбзэкIэ тхылъу къыдэкIар щIэрыщIэу къыдэбгъэкIыжыныр Iуэху джэгукъым. Ар тхузэфIэмыкIыу утыкум дыкъинэнущ.
Ди зэманым латин тхэкIэр «модэ» хъуащ. Къэзан тэтэрхэри хэтащ я тхыбзэр абы трагъэхьэну, куэдри зэдэуащ, лъэныкъуитI зэрыгъэхъури. ИкIэм-икIэжым тэтэр тхыбзэм и Iуэхур Къэрал Думэм нэсри, хабзэкIэ кириллицэм къытранащ. Къытезгъэзэжынщи, Тыркум щыпсэу адыгэхэм псом хуэмыдэу ди алфавитым нэхъыщхьэу дагъуэ хуащIыр хьэрыф зэгуэтхэр къызэрыдгъэсэбэпыращ. Пэжщ, ар ныкъусаныгъэ цIыкIукъым, ауэ нэгъуэщI лъэпкъышхуэ зыбжанэм я алфавитхэми хэлъщ мымащIэу апхуэдэ мыарэзыныгъэхэр къэзышэхэр. Хьэрыф зэгуэтхэр къагъэсэбэп франджыхэм (Renaue – Peно), нэмыцэхэр я къэралым зэреджэ псалъэм хэт «ч»-р хьэрыфиплIу зэхэтщ. Инджылызхэр зэрытхэмрэ къызэреджэмрэ апхуэдизу зэщхьэщокIри, езыхэм ауан защIыжу псалъэжь яIэщ: «Манчестер жиIэу тхамэ, Ливерпулу укъоджэ». Ныкъусаныгъэ ин дыдэ иIэщ илъэс минитху хъуауэ китайхэр зэрытхэ алфавитым (Абы я иероглифыр дамыгъэрэ сурэту зэхэгъэшыпсыхьащ), ауэ ахэр зэи иужь ихьакъым ар яхъуэжыну, сыту жыпIэмэ, адрей зыгуэрхэм хуэдэу, я блэкIам елъэпауэркъым. Гугъу дехьу бзэр зрагъащIэми, тхыбзэм зегъэужьыныр зэи зэпагъэуакъым, курыт еджапIэхэм щIэсхэм зрагъэщIащ иероглиф минрэ ныкъуэрэ. Алфавитыр гъэмахуэ-щIымахуэ щыгъынкъым, и чэзур икIыу пхъуэжыну. Иджырей техникэми къищтэркъым зы системэм имызагъэ графикэр, дамыгъэ лейхэр, алфавит зэхуэмыдэхэм къыхахыурэ, зэхэгъэувэныр.
Тыркум щекIуэкIа конференцымкIэ дгъэзэжынщи, дыщызэгурымыIуэм (30 гъэхэм ди деж латиныр лъабжьэ зыхуэхъуауэ щытам зэхъуэкIыныгъэхэр хэтлъхьащ) кириллицэр зэдгъэзэхуэжри, дызэбгрыкIыжащ, ауэ ди лъэпкъэгъухэм делъэIуащ Iуэхур политикэм трамыщIыхьу адыгэ псоми нэхъ къахуэщхьэпэн кириллицэр къыхахыну. Ди гуапэ зэрыхъунщи, ди еплъыкIэр пхагъэкIащ.
Хэхэс адыгэхэм я бзэр щIыхэкIуэдэжыр алфавитым и закъуэкъым, атIэ адыгэбзэр егъэджыныр къэрал Iуэхуу зэрыщымытырщ. Хасэхэм я къарукIэ мыр тэмэму зэфIэха хъунукъым. Тыркум щыIэ къуажэхэм дэс адыгэхэм я анэдэлъхубзэр нэхъ яхъумати, ари хокIуэдэж. Иужьрей илъэс тIощIым къалэм куэд Iэпхъуащ. А къэралым щыпсэухэр куэдкIэ нэхъыбэщ хэкум къинам нэхърэ, ауэ абыхэм ящыщу адыгэбзэр зыщIэжыр мащIэ дыдэщ. Иджы, икIэм-икIэжым, адыгэбзэр яджыну хуит ящIами, нобэ сабийуэ 10-12 хуэдиз нэхъ мыхъуми зыщIэхуэн класс къахузэгъэпэщыркъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм икIахэу Тыркум егъэджакIуэ зыбжанэ щыIэщ, класс гуэрхэри зэхуашэсащ, ауэ ар иджыри нэсу зэтрагъэувауэ пхужыIэнукъым. «Гугъэр адэжь щIэинщ», жи, дыпэплъэнщ ди лъэпкъэгъухэм Iуэхур тэмэму зэтраублэну. Дэри, Хэкужьым исхэр, абыхэм защIэдгъэкъуэфынущ, ауэ Iуэхур зэIузэпэщ зыщIыфынур ахэр зыщыпсэу къэралхэрщ. ЕджапIэ, программэ яIэу, кадрхэр ягъэхьэзыру, а Iуэхум къэралым ахъшэ тригъэкIуадэу щымытмэ – адрей псори, зэрыжаIэщи, «нэфгъэжейщ». А къэралхэм ис лъэпкъ псори езыхэм я бзэм зэрыхуэсакъым хуэдэу адыгэбзэми хуэсакъын хуейщ. Дэнэ къэрал щымыпсэуми, адыгэхэм ар къалэжьащ. ТелевиденэмкIэ къафэ къэбгъэлъагъуэкIэ адыгэм я бзэри, культурэри хъума хъунукъым икIи зиужьынукъым. Адыгэхэм зыхэс лъэпкъхэм куэд хуащIащ, генерал, къэрал лIыщхьэ хъуахэщ, тхакIуэу, еджагъэшхуэу къахэкIари мащIэкъым. Ахэр псори а къэралхэм хьэлэлу яхуэлэжьащ, ноби хуолажьэ.
Хэхэсхэм ящыщ куэд Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ щеджэну, къаухри дохутыр, экономист, юрист хъуауэ ягъэзэж. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгэбзэмрэ литературэмрэ хуеджэн къакIуэркъым. Апхуэдэу щIыщытми щхьэусыгъуэ иIэщ. Ар хэхэсхэм я деж курыт еджапIэм адыгэбзэр зэрыщрамыгъэджырщ. Щрагъэджатэмэ, ди университетым абыкIи щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэтынти, ягъэзэжмэ, я деж адыгэбзэр щрагъэджыжынт.
Иджыри зы Iуэхугъуэ, узыфIэкI мыхъуну. Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм сыт хуэдэ адыгэбзэ къыхахынур? Адыгеибзэра хьэмэ къэбэрдей-шэрджэсыбзэра? Сыт хуэдэ диалектыр нэхъ тынш? Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, зи бзэр зымыщIэжыххэхэм къэбэрдей-шэрджэсыбзэр нэхъ тыншу яджыфынущ. Абы хэкужьым исхэм я нэхъыбэр иропсалъэ (къэбэрдейхэр, шэрджэсхэр), абы и диалектыр гурыIуэгъуейкъым. Нэхъ зэфIэува, нэхъ дагъуэншэхэм ящыщщ беслъэней диалектри. Ари къэбэрдеибзэм щIагъуэкIэ къыщхьэщыкIыркъым. Къэбэрдеибзэм и макъэхэр нэхъ мащIэщ. ИтIанэ, Налшык къалэм адыгэ нэхъыбэ дэсщ, адыгэбзэри нэхъ хъума щыхъуащ. А псоми егупсысауэ нэхъ хэкIыпIэфI хъунур къыхэхамэ, мынэхъыфIу пIэрэт, жызоIэ.
Хэхэсымрэ зи хэку исыж адыгэ щIалэгъуалэмрэ нэхъ зэпыщIащ, телефонкIэ зопсалъэ, смс-хэр зэхуагъэхь, зэхуотхэ интернеткIэ. Этносыр зэрыгъуэтыжыну хуеймэ, кириллицэр къигъэсэбэпыпхъэщ. ЗэпэIэщIэ дыхъуху, глобализацэм нэхъ псынщIэу игъэкIуэдынущ ди бзэри, ди хабзэри, тхыдэри, литературэри.
Бзэм щIэх-щIэхыурэ ихъуэжыр и макъхэракъым, грамматикэракъым, атIэ лексикэращ, псалъэхэращ. ПсалъэщIэхэр, терминкIэ дызэджэхэр, адыгэбзэм къыщыхыхьэм деж егупсысын хуейщ, а псалъэр дауэ щылэжьэну адыгэ псоми я деж? Зы гупсысэр псалъэ зэхуэмыдэкIэ Тыркум, Сирием, Иорданием щыпсэу адыгэхэм къагъэсэбэпмэ, абы лъэпкъыр нэхъри зэпэIэщIэ ищIынущ. Щапхъэу къэтхьынщ мазэцIэхэм зэреджэр. Мы фIэщыгъэхэр махуэ къэс зыбжанэрэ къагъэсэбэп. Тыркубзэмрэ хьэрыпыбзэмрэ мазихым я цIэхэр щызэтохуэ. Абыхэм ящыщу «май»-р бзэуэ дунейм тетым я нэхъыбэм хэтщ: инджылызми, франджми, нэмыцэми, урысми, тыркуми, хьэрыпми, адыгэм я бзэми. Адыгэхэр мазэ псоми зэреджэр урысым хуэдэ дыдэу къащтэри иджыри къэс лэжьащ, зыкIи зэран хъуакъым: январь, февраль, март, апрель, май, июнь, июль, август, сентябрь, октябрь, ноябрь, декабрь. Ахэр Урысейм щыпсэу адыгэ псоми гукIэ ящIэ, ахэр хыхьащ бзэм, литературэм, щIэныгъэм. А фIэщыгъэхэр хэтщ дунейм щытепщэ бзэхэми. Зыщыгъэгъупщэн хуейкъым дэ Урысей къэралыгъуэшхуэм и зы Iыхьэу дызэрыщытыр, ди щIэблэр курыт еджапIэхэми университетхэми зэрыщеджэр. Радиор, телевиденэр, газетхэр, тхылъхэр къызэрыдэкIри а урысыбзэ дунейм щынэхъ инхэм хабжэрщ. Адыгэ газет закъуэмрэ зы журналымрэ «бадзэуэгъуэ, шыщхьэIу, мэкъуауэгъуэ» жиIэу тебдзэкIэ сабийхэм махуэ къэс зэхах, урысыбзэкIэ къагъэсэбэп мазэцIэхэр хыфIадзэу цIыхубэ календарым хуэкIуэжыну фIэщщIыгъуейщ, сыту жыпIэмэ «интернациональнэ» псалъэ хъуа, илъэс 80-кIэ къэдгъэсэбэпа терминхэр гъэкIуэдыгъуейщ. Пасэм адыгэхэр мазэцIэхэм зэреджэу щытар бзэм хэгъэхьэжын щIэзыдзахэм, дауи, мурадыфI яIэщ, ахэр адыгэбзэм и къабзагъэм ирогузавэ, ауэ бзэм хэзэгъа терминхэр псори Iумпэм щIыныр Iуэхум къезэгъыркъым. ЗэхъуэкIын хуейр «нэм къыщIэуэхэрщ», псалъэм папщIэ, «Малэ Зеленчук» (КъШР-м щыщ Ботэщей къуажэм зэреджэрщ), «Верхнэ Акъбаш», «Нижнэ Акъбаш», «Старэ Черек»), н.къ. хьэдэгъуэдахэхэрщ. Мыхэр зэхэзыхым къыфIэщIынущ ди бзэм «Ипщэ», «Ищхъэрэ» жыхуиIэхэр хужымыIэу, къыхуэмыгъэлъагъуэу.
Дэ псалъэ куэд диIэщ, зы макъ зэпхъуэкIмэ зэхуэдэ хъууэ. Псалъэм папщIэ, адрей диалектхэми шэрджэсхэми «гупщысэ» жыдоIэ, ауэ а псалъэр къэбэрдейхэм зэрахъуэкIащ «гупсысэкIэ», щызэрахъуэкIари совет лъэхъэнэрщ. Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэми жаIэр «гупщысэщ». Адыгэ псалъэжьми зэрыхэтыр апхуэдэущ: «Гупщыси псалъэ, зыплъыхьи тIыс». Щапхъэхэр гъунэжщ.
50 гъэхэм елъытауэ нобэ адыгэбзэм фIыуэ зиужьащ. А зэманым къагъэсэбэпу щыта урыс псалъэхэу: народ, поэт, стиххэр, нэгъуэщI куэд адыгэ псалъэм хуэкIуащ. Лейуэ къэдгъэсэбэпу щыта суффиксхэри адыгэ псалъэхэм пыхужащ, псом хуэмыдэу «ский» жыхуиIэр. Советскэ Союзыр – Совет Союз, Коммунистическэ партыр – Коммунист парт хъуахэщ, я мыхьэнэри къызэтенащ.
Хамэбзэхэм къыхэкIа псалъэхэр иужьрей илъэсхэм жыджэру зэрахъуэкI хъуащ адыгэ псалъэхэмкIэ е адыгэу къащыхъухэмкIэ. Ар япэ игъэщын хуей Iуэхуу си гугъэкъым. Дэ дызытегузэвыхьыпхъэр нобэ дунейм къытехьэ гурыIуэгъуэщIэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ я фIэщыгъэхэр бзэм хэдгъэзэгъа зэрыхъунырщ, армыхъумэ псалъэ къэдгъэIурыщIар хэддзыжыныркъым, зэхъуэкIыныркъым. Лейуэ къысщохъу «культурэ», «район», нэгъуэщI псалъэ зыбжани IэщIыб зэрытщIар. Тырку псалъэ «куейр» сыткIэ нэхъыфI дызэса «район»-м нэхърэ? А псор къыщIэхъур терминологием кIэлъыплъ комиссэ е нэгъуэщI орган хэха зэрыдимыIэрщ. IэщIагъэлIхэм, бзэм елэжь щIэныгъэлIхэм я Iизыныншэу псалъэщIэхэр хэгъэхьэн хуейкъым IуэхущIапIэхэм, еджапIэхэм, прессэм щылажьэм я бзэм. Адыгэбзэм и лексикэм и зыужьыкIэр зыми и нэIэ щIэткъым, аращ «сэ фIэзмыгъэжар хьэрэмщ» жызыIэхэр нэхъыбэ щIэхъур. Адыгэбзэм и блэкIам, абы и зыужьыкIэм зэран хуэхъухэр сэтей къэщIауэ и къэкIуэнум дытемызашэу дытелэжьэн хуейщ.
Адыгэбзэм и дыгъуасэм уриплъэжмэ, Урысей Империем дыщыхэсам дэри, хэхэс адыгэу хамэ къэралхэм нобэ щыпсэухэм хуэдэу, дыщытащ, «ди гур пхъэуэ, ди лъэр пхъэм дэнауэ». Алфавит, тхыбзэ щIыпIэ гуэрхэм щызэхалъхьэрти, щIэблэр щрагъаджэрт, ар къызэзыгъэпэщхэр «меценат» жыхуаIэ цIыху жумарт закъуэтIакъуэхэрат е хасэхэрт. Зэпымыууэ ахэр, щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу, Iуэхум яужь итыфыртэкъыми, а лэжьыгъэр зэпыурт. Адыгэбзэр, СССР-м хиубыда адрей лъэпкъхэм яйм хуэдэу, ядж щыхъуар совет лъэхъэнэрщ. Абы щыгъуэм сабийхэм я анэхэм зыри еупщIыртэкъым нобэ хуэдэу: «Уи сабийм адыгэбзэ ебгъэджыну ухуей?» – жаIэу. Революцэм иужькIэ 20-30 гъэхэм ирагъэкIуэкIа «Культурэ революцэ»-м и фIыгъэкIэ школхэм щеджэм нэмыщI балигъхэри хагъэзыхьурэ тхэфу, еджэфу ягъэсащ. Совет лъэхъэнэм кърахьэжьа IуэхуфIхэм нобэрей капиталистхэм кIэрагъэхуурэ макIуэ.
Урыс-Кавказ зауэжьым и зэранкIэ адыгэхэр зэпэIэщIэ ящIри, тхыбзэ ямыIэу, диалектхэр зэлъэмыIэсу, псалъэкIэ зэмыхъуажэу зэман куэд дэкIащ. Къэбэрдеймрэ КIахэмрэ (иджы Адыгей жыхуэтIэмрэ) пасэ дыдэу зэпэIэщIэ хъуащ, езы Къэбэрдейми 1804-1822 гъэхэм къуажэ 62-рэ хэкIри Инжыдж, Инжыджышхуэ, Лабэ и Iуфэхэм Iэпхъуащ. Ахэри а зэманым щыщIэдзауэ совет лъэхъэнэм къэсыху зэпэIэщIэу щытащ. Пащтыхь чиновникхэм я Iизыныншэу зэIыхьлыхэри зэкIэлъыкIуэну хуиттэкъым. Абдеж къыщожьэ адыгэ лIакъуэхэри, диалектхэри, бзэри зэкъуэуда хъуныр. КърикIуар псоми дощIэ – адыгэ диалектхэм къатехъукIащ бзитI: къэбэрдеибзэмрэ адыгеибзэмрэ. Абы ипэкIэ адыгэ псори, хэт сыт хуэдэ диалект иIэми, зэгурыIуэрт, ауэ нобэ жыIэгъуейщ къэбэрдейхэмрэ адыгейхэмрэ хуиту зэгурыIуэу. Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэр нэхъ зэхэпхъауэ зэрыпсэум къыхэкIыу адыгэбзэ зыщIэж псори зэгуроIуэ.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгейхэмрэ къэбэрдейхэмрэ зэпэIэщIэ, зэтемыхуэ зыщI Iуэхур ноби къэувыIакъым. Адыгэхэм иужьрей илъэсхэм къагурыIуащ зы бзэ, зы тхыбзэ диIэн зэрыхуеяри, зэрыхуейри, ауэ ар гъащIэм хэпщэныр кIасэ хъуащ. Совет зэманым къызэрагъэпэща Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгей республикэхэм щыпсэухэм тхыбзэ щаухуэм адыгэ псоми зы бзэ яIэн зэрыхуейр къэзыгъэува щIэныгъэлIхэри щыIащ. Хэкум икIыжа щIэныгъэлI ТIрахъуэ Рэмэзан (1914 гъэм Адыгейм къыщалъхуащ, МГУ-м и филологие къудамэр къиухащ, Москва КъуэкIыпIэр джынымкIэ и институтым щылэжьащ Яковлев Н.Ф. и гъусэу. Мыекъуапэ дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтми щылэжьащ. Зауэм щыгъуэ гъэр хъури къигъэзэжакъым, Мюнхен 1964 гъэм щылIащ) итхыжащ: Латин графикэр къыщащтэм зэлъэпкъэгъухэр алфавиткIэ зэкIэщIачащ. Ар ягъэзэкIуэжыну, зы тхыбзэм трагъэувэжыну щIэныгъэ конференцхэр щекIуэкIат Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Шэшэн-Ингушым, Дагъыстэным, ауэ къайхъулIакъым, а Iуэхур къезыхьэжьахэр ягъэкIуэдащ, «буржуазнэ националист» фIащри… ИужькIэ 1930 гъэм «АлфавитыщIэм теухуауэ ЦИК-м къищта и унафэм щIэту Москва комитет къыщызэрагъэпэщащ «адыгэ-шэрджэс-къэбэрдей» алфавитхэр (шэшэн-ингуш, дагъыстэн зэIыхьлыхэм яйхэри) зэпэгъунэгъу щIыным телэжьэну. Ауэ ар яIэщIэхужри псори кириллицэм техьэжащ, комитетым и унафэщI Коркмасов Джелали 1937 гъэм хьэкъ имыIэу яукIащ. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэр 30 гъэхэм щымыIамэ, нобэ адыгэ псори зы бзэкIэ дытхэу щытынут. БлэкIар блэкIащ, абы къыпхуегъэгъэзэжынукъым, иджы Iэмал имыIэу Iуэхур дгъэзэкIуэжын хуейщ, хэмыкIасапэ щIыкIэ.
«АдыгитI зэзэгъмэ, дунейр къутэжынущ» – щIыжаIэм щхьэусыгъуэ иIэщ. Ди дежкIэ зы цIыхум и Iуэху еплъыкIэр нэхъыщхьэщ, куэдым жаIэм нэхърэ. «Индивидуализм» жыхуаIэр ебэкIырт «коллективное мышление»-кIэ зэджэм. Латин Америкэм я культурэми и лъабжьэр индивидуализмырщ. ЛIыгъэ зэхэгъэкIыпIэ зэригъэхуэнри абы зыгуэркIэ пыщIауэ къысщохъу. Ди лъэпкъ (сословие) гуэшыкIэу щытари щапхъэу къыщIэкIынущ. Псори хуитыныгъэм хущIэкъурт пасэм, псоми Iэщэ яIыгът. Пщы-уэркъ гупыр зэрыщытари апхуэдэут. Урысыр нэхъ къэгъэдэIуэгъуафIэщ, абыхэм «Соборное мышление», «акъыл зэхэдзэ» жыхуэтIэр нэхъ яхэлъщ. Нэхъыбэм жаIэр хабзэ ящIыф нэмыцэхэми.
Адыгейхэмрэ къэбэрдейхэмрэ тхыбзэ яIэн ипэ ахэр Урысей Империем зэман кIыхькIэ зэпэIэщIэ ищIат, Псыжь (Кубань) я гъунапкъэу. Урыс-Кавказ зауэм щыгъуи, ар иуха нэужьи Хэкум къинэжа адыгэхэм я кум, станицэ куэд яухуэри, къэзакъ къыдагъэтIысхьащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ КIахэ адыгэхэмрэ Къэбэрдей адыгэхэмрэ я бзэр зэпэщхьэхуэ хъуащ. Адыгэхэм тхыбзэ къащыIэрыхьам абыхэм езым я область щхьэхуэ яIэт. Бзэм теухуа унафэхэр зэрагъэпсари къулыкъущIэхэр зэрыхуейм хуэдэущ. Ар литературэбзэр зыуэ ухуэным зэран хуэхъуащ. Иджы нобэ зы литературэбзэм ухуэкIуэжыныр нэхъ гугъуж хъуащ. Лъэпкъыр бзэкIи щIыпIэкIи гуэшауэ зэбгъэдокI кIуэ пэтми. Хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я Iуэхур нэхъыкIэжщ – я адыгэбзэр яфIокIуэдыжыпэ.
Адыгейхэмрэ къэбэрдейхэмрэ зы литературэбзэм хуэгъэкIуэныр Iуэху гугъущ икIи кIыхьщ. Ауэ абы епха языныкъуэ Iуэхугъуэхэр пхуэгъэзэщIэнущ пхуэгъэзэщIэнущ зэман куэд темыкIуадэу. Ди макъ тхыкIэхэм зэтемыхуэ яхэтщ. Ахэр зэрыщIын хуейхэр «Орфографием и хабзэ зэтемыхуэхэр зэхуэдэ хъун папщIэ» Къумахуэ Мухьэдин итхауэ щыIэщ. Псалъэм папщIэ, сэ си унэцIэр «БакIуу» жиIэу ятх къэбэрдейхэми шэрджэсхэми. Зы статья гуэр адыгеибзэкIэ Мыекъуапэ къыщытрадзати, си унэцIэр къысхуэцIыхужакъым – «БакIо» жари ятхащ. Зы бзэм ухуэкIуэн ипэкIэ узэрытхэр, а тхам укъызэреджэр зэтехуэу гъэпсын хуейщ.
Иужьрей зэманым адыгэбзэр курыт еджапIэхэм Iэмал имыIэу предмет щхьэхуэу щрамыгъэджми хъуну унафэ къыдагъэкIащ. Абы къыхэкIкIэ бзэм хухаха сыхьэтхэри ягъэмэщIэну хэтщ. Абы арэзы утехъуэ хъунукъым.
Адыгэбзэр предмет щхьэхуэ закъуэу, нобэ зэраджым хуэдэу къанэмэ зыфIэкъабылхэм жаIэ, адыгэбзэкIэ пэщIэдзэ классхэм предмет псори щрагъэджу щIадзэмэ, сабийхэм урысыбзэ ямыщIэу, курыт классхэм хуэмыхьэзыру къэнэну. А Iуэхур ХьэтIэхъущокъуэ Къазий I860 гъэхэм къиIэтауэ щытащ. Абы жиIэрт къуажэм дэс, урысыбзэ зымыщIэ адыгэ сабийхэм адыгэбзэкIэ адрей предмет псори ирагъэджмэ нэхъыфIу. Илъэсищэм щIигъу дэкIауэ а Iуэхур аргуэру къаIэтри гъэунэхуныгъэ папщIэу еджапIэ гуэрхэм (Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэщэй-Шэрджэсми) пэщIэдзэ классхэм предмет псори адыгэбзэкIэ щрагъэджащ илъэс зыбжанэкIэ, абыи адэ-анэхэр «хэлIыфIыхьри» нэгъуэщI щхьэусыгъуи къулыкъушхуэ зезыхьахэм дыщIагъужри, адыгэбзэр зы предметым хуагъэкIуэжащ. Илъэс щэ ныкъуэ дэкIри, а псалъэмакъыр аргуэру къаIэтыжащ.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ еплъыкIэ зэхуэмыдэхэм тетхэм жаIэми  пэж хэлъщ. ПэщIэдзэ классым предмет псори адыгэбзэкIэ щумыгъэджу ебланэ классым къыщыщIэдзауэ абы тегъэувэныр щхьэгъэпцIэжщ, ар адыгэбзэми хуэгъэкъаруунукъым езы бзэми абы щхьэкIэ нэхъ лейуэ зиужьынукъым, къэралыбзэу щытми. Абы «унагъуэбзэ» эпитетыр нэхъ хуокIуэ. Абы Iуэхур тетщIыхьынумэ, япэщIыкIэ учебникхэр гъэхьэзырын, а предметхэр езыгъэджын къэгъуэтын хуейщ. Ари тыншкъым.
Ди къэралым урысыбзэм щIыпIэ ин дыдэ щеубыд – нобэрей дэтхэнэ сабийми балигъми махуэр зи кIыхьагъым зэхихри зэджэри урысыбзэщ. АбыкIэ мэпсалъэ радиор, телевиденэр, интернетыр, газетхэр, рекламэхэмрэ мультфильмхэри къызэрагъэлъагъуэр аращ. Апхуэдэу щытми, ди сабийхэм я бзэр ящIэжу, къэдгъэтэджын хуейщ. ЕджапIэхэм хухах дерсхэр бгъэмащIэ хъунукъым. Абы кIэлъыплъыну я къалэнщ адыгэ щыпсэу субъектхэм я парламентхэм. Бзэр хабзэм тету ткIийуэ школхэм щрамыгъэджмэ, ди Iуэхур зэIыхьэпэнущ. Дунейм тет бзэ минихым и нэхъыбэр дызыхыхьа лIэщIыгъуэм кIуэдыжыну жаIэ. Социологхэм апхуэдэ зи натIэ хъунухэм хагъэхьащ адыгэбзэри. Глобализацэм экономикэм теухуауэ Iуэху хъарзынэ куэд къыдокIуэ, ауэ щэхуу лъэпкъыбзэхэр, литературэхэр утыкум иреш, егъэкIуэд. Абы дыпэщIэтын папщIэ адыгэ псоми ди бзэр зэрызэтемыхуэхэр дгъэмащIэу зы литературэбзэ, зы псэлъэкIэ дызэрытехьэным дыхуэлэжьэн хуейщ. А гъуэгур кIэщIкъым, ауэ дыкъэувыIэ хъунукъым. Псом япэу адыгейхэмрэ къэбэрдейхэмрэ дызэгурыIуэу ди алфавитми, ди орфографиеми (тхэкIэми) къыхыхьа зэтемыхуэхэр дгъэмэщIэн е дгъэкIуэдын хуейщ.
Хэкужьым къина адыгэхэр бзэм нэхъ елэжьащ, зрагъэужьащ. Сэ зэзгъэпщат адыгэ газетым 1957 гъэм къытехуа зы текстышхуэрэ нобэ ятха гуэрымри, абыхэм шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. Адыгэбзэр нэхъ къабзэ хъуащ, и псалъэхэри нэхъыбэ хъуащ. Япэхэм адыгэбзэм урыс псалъэ куэдыIуэ къыхыхьэурэ «итхьэлэу» хуежьати, нобэ апхуэдэ шынагъуэ щыIэжкъым. Сэбэпынагъышхуэ къахь «Адыгэ псалъэ» газетым кърихьэжьауэ екIуэкI «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэныгъэм, щIэныгъэ конференцхэм, бзэм ехьэлIауэ къызэрагъэпэщ пшыхьхэм.
Демократием тетыну хуей дэтхэнэ къэралми и цIыхухэм, ахэр къызыхэкIа лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэр хъумэныр езым и пщэ дилъхьэжын хуейщ, ар Совет Союзым, иджы Урысейм зэрищIам хуэдэу. Адрей Iуэху зехьэкIэхэм, фIыщIэ хасэхэм я лэжьыгъэм бзэр хуэхъумэнукъым, зыхуегъэужьынукъым.
Адыгэхэм «кхъэм яхьри мэгугъэ», жаIэ, ауэ бзэр абы нэбгъэс хъунукъым, нобэ ар сымаджэ къудейуэ аращ. И хущхъуэгъуэ къэдмыгъуэтмэ, абы убыхыбзэм и махуэр къыхуэкIуэнущ, зы зэман лъэпкъышхуэу, дунейм къыщацIыхуу щытар «бзагуэ хъумэ» къэхъуну щIэблэм я гум дыкъинэжынукъым. «Гугъэр адэ щIэинщ», жи, ауэ ар мащIэщ лъэпкъым, щIэблэм къахуэдгъэнэну.
Къэбэрдей-Балъкъэрым 2001 гъэм щыщIэдзауэ бзэм и зыужьыкIэм, и мардэхэм, къыщагъэсэбэпын хуейхэм, зэрегъэджэн Iэмалхэм ятеухуауэ къэрал комиссэ, къалэн убзыхуа и пщэ дэлъу, къыщызэрагъэпэщыну хэтащ, ауэ филологие щIэныгъэхэм я доктор ТIымыжь Хьэмыщэ иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, тэтэрхэм, башкирхэм а Iуэхум теухуауэ унафэхэр къащтащ, ахэр мэлажьэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым иIэкъым икIи иIакъым бзэм теухуа политикэ убзыхуа. Унафэ зыIэщIэлъ, ар тэмэму зыунэтI комитет е комиссэ уимыIэу лъэпкъ цIыкIухэм я бзэр, хабзэр, культурэр пхуэхъумэнукъым ди зэман хьэлъэм.
P.S. Мы си тхыгъэр илъэс зыщыплI ипэкIэ хьэзыр хъуат, ар Тыркум щыпсэу адыгэхэм ирагъэкIуэкIыну ещанэрей щIэныгъэ конференцым хэтынухэм я пащхьэ ислъхьэну си гугъащ (Адыгэбзэр хъумэным теухуа щIэныгъэ зэхыхьэшхуэу 2003 гъэм Анкара щекIуэкIами, 2008 гъэм Амман щызэхэтами доклад щысщIат). Тыркум щекIуэкIынум срамыгъэблэгъэну сигу къэкIыххэртэкъым, МЧА-ми ар къыздиIыгъат, ауэ конференцыр щэнейрэ ягъэIэпхъуащ, икIэм-икIэжым, 2014 гъэм зэхэтар, нэгъуэщIу къыщIидзыжащ. Абы аргуэру латин графикэм теухуа «пшыналъэжьыр» къытралъхьащ. Гъуджэ нашэ дизыгъэплъэну Iуэхухэм ятеухуауэ сигу къыдрихьеяр жысIа нэужь латин графикэм и щыщIэныгъэу къэслъытэхэм дыщIызгъунут къэзахъ щIэныгъэлI Махинбет Джусупов и (Казахская графика: вчера, сегодня, завтра. Кириллица или латиница, Москва, 2013) тхылъым сызыхуиша гупсысэ гуэрхэр. Мы еджагъэшхуэм къэхутэныгъэ зыбжанэ иригъэкIуэкIащ. Уи фIэщ зыщI щапхъэ куэд къихьурэ абы къегъэлъагъуэ къэзахъхэм я кириллицэр тыркухэм къагъэсэбэп латин алфавитым хуэгъэкIуэным зэрану къишэнур. Абырэ сэрэ ди Iуэху еплъыкIэр зыкъомкIэ зэтохуэ.
Латин алфавитыр иужьрей зэманым «модэ» яхуэхъуащ тырку, тэтэр лъэпкъхэм. Алфавитыр хъуэжыныр уз зэрыцIалэу ялъэIэсащ тырку бзэ гупым хыхьэ лъэпкъ 23-м ящыщ зыкъомым. Ар нэсащ къэзахъхэм я дежи, ауэ зи гугъу тщIы щIэныгъэлIым и лъэпкъэгъухэм я пащхьэ ирилъхьащ абы зыдрагъэхьэхмэ, зыIууэну лъэпощхьэпохэр.
Сыт хуэдэ бзэм и дежкIи хабзэ нэхъ тыншу щыIэр зы макъ къэскIэ зы хьэрыфкIэ, зы дамыгъэкIэ къэгъэлъэгъуэнырщ. Псалъэм папщIэ, инджылызыбзэм фонемэу 46-рэ иIэщ, ауэ латин алфавитым ейр зэрыхъур дамыгъэ 26-рэщ. Джусуповым зэрыжиIэмкIэ, абы дамыгъэ тIощI хурикъуркъым. Инджылыз тхыбзэм ар зэригъэзэхуэжын щхьэкIэ Iэмал куэд къигъэсэбэпын хуей мэхъу. Бзэ энциклопедием (Москва, 2000, 118 н.), щIэныгъэлIым зэритхымкIэ, инджылызыбзэм графемэу 144-рэ хэтщ, аращ а бзэм и псалъэхэр зэрытхамрэ къызэрапсэлъымрэ куэд дыдэрэ щIызэтемыхуэр.
Кириллицэм и зэфIэкIыр нэхъыбэщ, абы урысыбзэм и фонемэ 41-р хьэрыф 33-кIэ къегъэлъагъуэ. Хуримыкъу жыхуаIэр щызогъэтри, къыдэхуэжу иIэщ! «Йотированнэ» жыхуаIэ макъхэм (я, ю, е, ё) дамыгъэ тIурытIым и пIэкIэ зырызщ трагъэкIуадэ. Адыгэбзэми, абы хуэдэу макъ куэд дыдэ зиIэхэми, «я дзэр Iуиудкъым» кириллицэ алфавитым, нэгъуэщI алфавитхэм дыхэмыIэбэу е дамыгъэщIэ къэдмыгупсысу абыи дротхэф, хьэрыф зэгуэт къызэрыдгъэсэбэпым нэхъ гукъеуэ димыIэу. ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, ныкъусаныгъэ гуэр зимыIэ алфавит щыIэкъым. Къапщтэмэ, корейхэр 1444 гъэм къагупсыса алфавит гугъу дыдэкIэ матхэ, ауэ ар абыхэм зэран къахуэхъуркъым нэгъуэщIыбзэ зрагъэщIэнымкIи, езым я бзэкIэ тхэнымкIи.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгэм ящыщ гуэрхэм я щхьэ закъуэ гупсысэр лъэпкъпсо Iуэхум япэ ирагъэщ. Нобэ бзэ псори инджылызыбзэм хуэкIуэну жызыIэр мащIэкъым, ар зыми ищIэркъым. 2003 гъэм Ташкент щызэхэта «Британием и чэнджэщакIуэ форумым»  щыжаIэгъащ 2035 гъэм ирихьэлIэу инджылызыбзэм ирипсалъэхэр процент 30-33-кIэ нэхъ мащIэ хъуну, а Iыхьэр китайхэм, хьэрыпхэм, индийцхэм (хинди), испанхэм я бзэхэм яубыдыну. Джусупов М. зэритхымкIэ, алфавит зэхъуэкIыныр лъэпкъым и психологием удынышхуэ хуэхъунущ». АлфавитыщIэ къэзыщтэр тхыбзэ зэи зимыIа лъэпкъхэрщ. Адыгэм куэд щIауэ тхыбзи, литературэбзэ зызыужьаи, литературэ хъарзыни диIэщ.скачать dle 11.3
Наш коллектив
Партнеры